ЗылI фыз бзаджэ иIэт. Фыз бзаджэр хуэмыхьыж хъуащ лIым, и щхьэр иригъэужэгъуащ. Хуэмыхьыж щыхъум, фызыр игъэкIуэдын мурад ищIащ лIым. ЗэригъэкIуэдын Iэмал къыхуэмыгупсысурэ, зыбжанэрэ екIуэкIащ. Зэгуэрым, мэз кIуауэ, мей жыг ирихьэлIащ лIыр, жыгым мы къыпыщэщати, ар къыздищыпым, мащэ куу къыIэщIэлъэгъуащ. «Мэзым къыздэсшэнщи, фызыр мащэм издзэнщ»..., – жери игу ирилъхьащ лIым.
Мащащхьэм чы тIэкIу трилъхьащ, пщIащэ трикъухьыжри, къежьэжащ, гъуэмылалъэм из мы къыздихьри. Мыр фыз бзаджэм игу ирихьащ.
– МыфIэкIа щхьэ къыумыхьарэ? – къыхуилъащ фызыр.
– Гъуэмылалъэм ихуар аращ, – жиIащ лIым. – Къэсхьынщ жыпIэмэ,
мейр щыбгъуэтынур мыпхуэдэм дежщ, – жери мейр къыщигъуэтынур
къыжриIащ.
Матэ къищтэри, фызыр мэзым кIуащ, мей жыгыр къыщиудыным мащэм ихуащ. Зыбжанэ дигъэкIри, лIыр фызым кIэлъыдэкIащ: «И Iуэху зэрыхъуам сеплъынщ», – жери. Мащэм щыщхьэщыхьэм, кIий-гуо макъ зэхихащ лIым. Мащэм иплъэри, благъуэ къыIэщIэлъэгъуащ: благъуэм гузэвэгъуэр телъщ – фызым бжэгъу трекъутэ. ЛIыр щыщхьэщыхьэм, гу къылъитэри, благъуэр мащэм къипсэлъыкIащ:
– Тхьэм и нэфI зыщыхуэн, мы мащэм сыних, мы фызым сыIэщIэмы-
кIуадэ щIыкIэ!
Къурагъ иригъэжэхри, благъуэр мащэм къришащ лIым – и щхьэм ирилъытащ. «Сыкъэплъэгъуакъым, услъагъужакъым! – жери благъуэр ежьэжащ. – Зэм-зэм укъызихьэлIэмэ, уи хьэтыр слъагъужынщ». Фызыр мащэм къринэри, лIыр и унэ кIуэжащ. Псыщхьэм дэкIуейри, благъуэм псыр иубыдащ. Псыр благъуэм щиубыдым, жылэр гузэвэгъуэ хэхуащ. ЛIым деж кIуэри жраIащ:
– Уэ благъуэм и хьэтыр плъэгъуащи, уи хьэтыри къилъагъужынщ:
псыр къытхуегъэутIыпщыж. ЛIыр благъуэм деж кIуащ:
– Жылэр зэтолIэ, псыр къэутIыпщыж, – жери.
ЛIым и хьэтыр къилъагъури, благъуэм псыр къиутIыпщыжащ. Зыбжанэ дигъэкIри, псыр иубыдыжащ благъуэм. Жылэр гузэвэгъуэ хэхуэжащ.
– Уэр фIэкI, благъуэм зи хьэтыр къилъагъун щыIэкъым: псыр къытхуегъэутIыпщыж, – жраIащ лIым. ЛIыр благъуэм деж кIуащ:
– Си хьэтыр къэлъагъу иджыри: псыр къэутIыпщыж.
Псыр къиутIыпщыжащ благъуэм, арщхьэкIэ, зыбжанэ дигъэкIри,
аргуэрыжьти, иубыдыжащ. Жылэр гузэвэгъуэм хэхуэжащ.
Сыт ящIэнт: лIым деж кIуащ жылэр:
– Псыр къытхуегъэутIыпщыж, – жари.
– Си хьэтыр афIэкIа къилъагъужынукъым, – жиIащ лIым.
– ЛIо-тIэ тщIэнур?
И фызыр игу къэкIыжащ лIым:
– Хъунщ, иджыри зэ сыфхуелъэIунщ благъуэм.
Псыщхьэм дэкIуейри, лIыр благъуэм еджащ:
– Уи унагъуэбжэр зэрыхуэпщIыжар пщIэрэ? – жери.
– Сыт къэхъуар? – и псэр IукIащ благъуэм.
– Фызыр мащэм къикIыжащ!
– Фызри?!
– НтIэ! Уи щхьэр зэрыхэпхын, маржэ!
– Ар мащэм къикIыжамэ, сэ мы дунейм сишх щыIэжкъым! – жери
благъуэм бгым зыщидзыжащ.


Зытхыжар- КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмидщ