Балъкъэр Фоусэт
Балъкъэр Фоусэт
КъоӀукӀ си гущӀэм зы макъ гуэр,
Зыхуейр сымыщӀэу мэуз гур
СыныщӀэдэӀумэ сэ а макъым
ЩеубыдыкӀ мы си тэмакъыр.
ЗыгъэпӀейтейри ар зы упщӀэщ-
«Дэнэ здэщыӀэр? – ар мэупщӀэр
ЦӀыхугъэр, хабзэр, нэмыс лъагэр?
Нэхъ кӀэщӀу жыпӀэм адыгагъэр?
Жэуап естынур къыхуэмыщ1э,
Псэлъамэ – псори цӀыхуфӀ защӀэщ.
УакӀэлъаплъамэ – мылъку, былым
ЗимыӀэр хэти... и хьэрэмщ.
Уеблэм, кӀуэтэху «гуэныхьщ», «псэкӀуэдщ»
ЖыхуаӀэ псалъэхэр мэкӀуэд
А псор хэхауэ я бзэ дыдэр
Зэзмыпэсыжхэри куэд дыдэщ
АбыкӀэ къуаншэр дэ тщӀэ пэт
Дызоупщ1ыжыр:»Къуаншэр хэт?»
КъоӀукӀ си гущӀэм зы макъ гуэр
Зыхуейр сымыщ1эу мэуз гур.