Бэрбэч и гъыбзэ

* * *


Бэрбэчым уи ныбжьэгъу пэжри
Гуауэшхуэм сызэщӀеӀулӀэр
Къэхъуахэм фыщӀэмыупщӀэмэ
Си гъыбзэм фыкъыщӀэдэӀу мыгъуэт !

Къишати си ныбжьэгъу закъуэми
Уэй доджэр, нысэр къыдошэ
ЩауэщӀэм и япэ жэщми
НысащӀэр фызабэу къонэри …

ТхьэӀухудым зыщимыгъэнщӀыурэ
Бэрбэчым ныщэбзерабзэр
БзаджащӀэм я фоч лъэдакъэмкӀэ
Лагъунэбжэр нытракъутэри

Бэрбэчым и хэтӀэхэсэри
Губгъуэжьым щырегъэкӀуэкӀыр
НысащӀэр зыхуэгузавэри
А жэщым къимыгъэзэж мыгъуэт

Сэрмахуэ уи шыгъуэ цӀыкӀури
А махуэм жьыщхьэмыгъазэт
Бэрбэчым фӀэбгъэзэжынкӀэрэ
НысащӀэр къыпщыгугъа мыгъуэт

Ди нысэм уи лэрыпс цӀыкӀури
А махуэм къызэролъэлъыр
Нэпс гуащӀэр къыппелъэлъэхыурэ
Лагъунэм укъыщӀашыж мыгъуэ