Гуащэмахуэ и тхьэусыхэ
Гуащэмахуэ и хъыбару ди нэхъыжьхэм ди зэманым къахьэсар икъукӀэ мащӀэщ. А хъыбар мащӀэу къахьэсауэ Къэбэрдейми, Псыжь лъэныкъуэми, Щхьэгуащэ лъэныкъуэми щыттхыжауэ щыӀэр зэтехуэркъым. Абы къыхэкӀкӀэ, а хэкущми къызэрыщаӀуэтэжыр, кӀэщӀу нэхъ мыхъуми, къыжытӀэн хуей мэхъу: ХьэхъупащӀэ Амырхъанрэ Тхьэгъэлэдж КӀырурэ къаӀуэтэжа хъыбарым зэрыжиӀэмкӀэ, адэ ижь зэманым зэгъунэгъуу, псэуа къуажитӀым фӀыуэ зэрылъагъуу зэныбжьэгъуитӀ дэст. А тӀур щӀэх-щӀэхыурэ зэкӀэлъыкӀуэрт. «Зым къуэ иӀэ хъумэ, адрейм пхъу иӀэ хъумэ, зэрыдгъэшэнщ, ди ныбжьэгъугъэр нэхъри быдэ хъун щхьэкӀэ» жаӀэрт.
Зэгуэрым зыр адрейм деж кӀуауэ и фызыр лъхуауэ ирихьэлӀащ. «Си ныбжьэгъум уи къуэм Джатэгъэжь цӀэуэ фӀызощ», – жиӀэри фӀищащ. Абы иужькӀэ куэд дэмыкӀыу къуэ къызыхуалъхуауэ щытар мыдрей и ныбжьэгъум деж къэкӀуауэ, мыбыи къуэ къыхуалъхуауэ кърихьэлӀащ. «Апхуэдэу щыхъуакӀэ, уи щӀалэми Джатэгъэжь фӀызощ», – жиӀэри фӀищащ. Дэ тӀур дызэрызэныбжьэгъуам хуэдэу ди щӀалитӀри зэныбжьэгъуу щрет, дунейм дехыжа нэужьи», – жаӀащ.
ЗэныбжьэгъуитӀыр фӀыуэ зэрылъагъуу куэдрэ дунейм тетауэ, жьы хъуауэ дунейм ехыжащ, я щӀалитӀыр къытранэри. «Уи адэ и лъагъуэжьрэ уи адэ и благъэжьрэ умыбгынэ» жыхуаӀэрати, щӀалитӀыр – ДжэтэгъэжьитӀыр – я адитӀым ещхьу, зэныбжьэгъуу, фӀыуэ зэрылъагъуу, щӀэх-щӀэхыурэ зэкӀэлъымыкӀуэмэ зэхуэзэшу зэхущытт. Зы махуэ гуэрым зы Джатэгъэжьыр и ныбжьэгъу Джатэгъэжьым деж къэкӀуати, дэмысу кърихьэлӀащ. И анэжьыр дэсти, и къуэм и ныбжьэгъу къэкӀуар иригъэблэгъащ, Ӏэнэ къыхуищтащ, махъсымэ фалъи къыхуригъахъуэри игъэшхащ. Ӏэнэр Ӏуихыжа нэужь, уэршэру здэщысым, фызыжьыр щӀалэм елъэӀуащ: - А си щӀалэ, уи ныбжьэгъум таучэл ищӀу къыхуэшэркъым, сэри жьы сыхъуащ, си закъуэщи, созэш, фи къуажэм хъун хуэдэ гуэр дэсмэ, укъыдэӀэпыкъурэ къебгъашэркъэ, ныбжьэгъу жахуаӀэращ, – жиӀэри. - Ауэ сытми бзылъхугъэ зэкӀэлъыкӀуэ дэс ди жылэм, ныбжэгъум ар хуэзмыщӀэмэ, хэт зыхуэсщӀэнур, нэгъакӀуэ къызэрысыжу, – жиӀэри шэсыжащ щӀалэр. ЩӀалэм зи гугъу ищӀар езыр зыпылъу къишэн и мурада я къуажэ дэс Гуащэмахуэт. КъыздэкӀуэжу гъуэгу здытетым щӀалэм щӀегъуэж къихьащ. «Сыт щхьэкӀэ нэуэжьыр къэзгъэгугъа, си ныбжьэгъур къигъакӀуэми, къахихынур Гуащэмахуэщ, апхуэдэу щыхъуакӀэ езгъэлъагъункъыми зэфӀэкӀащ», – игукӀэ жиӀэурэ кӀуэжащ.
«НэгъакӀуэ къызэрысыжу» жиӀати, и ныбжьэгъур къыкӀэлъыкӀуащ. Мыдрейм и ныбжьэгъур игъэхьэщӀащ, игъэлъэпӀащ. Джэгум ишэри къуажэм хъыджэбзу дэсым яхигъэплъати, езыр зыпылъ Гуащэмахуэр къахихащ.
Гуащэмахуэми къэкӀуа Джатэгъэжьыр игу ирихьри дэкӀуэну арэзы хъуащ. Арати, пасэрей хабзэм тету къылъыхъури иратащ, нэчыхьри ятхауэ, щашэну пӀалъэри къратауэ дэсу, мыдрей япэ пылъа Джэтэгъэжьыр щӀегъуэжащ: «Сэ си къэшэныр сыт щхьэкӀэ еста си ныбжьэгъум», – жиӀэри. - СыщӀэгъуэжащ, абы удэмыкӀуэу сэ къыздэкӀуэ, – щыжриӀэм, Гуащэмахуэ идакъым. - Ар дауэ хъун? Апхуэдэ емыкӀу щхьэ жыпӀэрэ? Ар ущимурадым къысхуэпшэу сыт щхьэкӀи къыспыбгъэхьа? ЖумыӀэххэ! – жиӀащ Гуащэмахуэ. АрщхьэкӀэ, апхуэдизкӀэ ехъуэпсэжат, щӀэгъуэжати, шу гуп зригъэпэщри, теуэри Гуащэмахуэр ирихьэжьащ.
Бзэгур куэдрэ, нэчыхь зыхуиӀэ Гуащэмахуэр и ныбжьэгъур къепцӀыжу зэрырихьэжьар псынщӀэ дыдэу мыдрей Джатэгъэжьым зэхихащ. Абыи шу гуп зригъэпэщри хабзэкӀэ и щхьэгъусэ хъуар къытрихыжыну яужь иуващ. ЩӀэупщӀэмэ, «мо къуажэм ихьащ» къыжраӀэмэ, адрейм а къуажэм дихым нэгъуэщӀыпӀэ ихьурэ куэдрэ къызэрехуэкӀа нэужь, Ахъмэтыбгым, «Ахъмэт и фо изщ» жыхуаӀэ бгым и жьэгъум, бланафэ шэтыр щыхуищӀауэ щыпсэууэ къигъуэтащ. Пхъэрыр щытеуэм, Гуащэмахуэр къызэригъэувэкӀри, езым Ахъмэт и бгыхумкӀэ щитхъури ежьэжащ. Мыдрейм пщащэр къихьри къэкӀуэжащ. АрщхьэкӀэ, зэман щыдэкӀым, зэщӀэгупшысыжри, «мыпхуэдизу мыр къыщӀызэфыгъуэжар сэ фыз схуэхъункъым» жиӀэри, ихьыжри езыхьэжьауэ щытам и пщӀантӀэм худигъэувэжащ, – аращ къэбэрдейхэм, ХьэхъупащӀэ Амырхъанрэ Тхьэгъэлэдж КӀырурэ къызэраӀуэтэжар.
«Кабардинский фольклор» тхылъым зэрытар
editАуэ, 1936 гъэм Мэзкуу къыщыдэкӀауэ щыта «Кабардинский фольклор» тхылъым Гуащэмахуэм и хъыбар итым ДжатэгъэжьитӀым я унэцӀэр къыщыгъэлъэгъуащ. Ахэр Хъырцыжь Джатэгъэжьрэ Хъырзэдж Джатэгъэжьрэщ. Зы махуэ гуэрым Хъырзэджыр Хъырцыжьым деж къэкӀуащ: «си ныбжьэгъури къэслъагъунщ, щхьэгъусэ схуэхъун пщащэ къысхудихми, къэсшэнщ», – жиӀэри.
МыдэкӀэ Хъырцыжьым и ныбжьэгъур адыгэ хабзэкӀэ иригъэблэгъащ, хабзэрэ нэмысрэ хуищӀу игъэхьэщӀащ. ХьэщӀэм и хьэщӀэгъуэ пӀалъэр щызэфӀэкӀым, и мурадыр къыжриӀащ: - Си ныбжьэгъум щхьэгъусэ схуэхъун пщащэ сумыгъэлъагъуфыну пӀэрэ, жысӀэри, сыкъэкӀуат, – жиӀэри. - Куэду дэгъуэщ, пщэдей ди жылэм пщащэу дэсыр уэзгъэлъагъунщ, – жиӀэри, хьэщӀэр игъэгъуэлъыжри, езыр зыпылъ, къишэну мурад зыхуиӀэ, зэпсалъэ Гуащэмахуэ дахэ деж кӀуэри, жриӀащ: - Пщэдей псыхьэ кӀуэным ухуэмыпӀащӀэ! Си ныбжьэгъу, си цӀэджэгъу къэкӀуауэ пщащэу ди жылэ дэсхэм яхэплъэнущи, уэ зыӀэжьэ, сэ сыхуейкъым абы укъезгъэлъэгъуну! – жиӀэри.
Пщэдджыжьым жьыуэ ДжатэгъэжьитӀыр къэтэджщ, затхьэщӀщ, захуапэри, къуажэ хъыджэбзхэр псыхьэ зэрыдыхьэ-къызэрыдэкӀыж лъагъуэм и гъунэгъуу хадэ кӀуэцӀым къитӀысхьащ. Къуажэм хъыджэбзу дэсыр псыхьэ щыдыхьэми, къыщыдэкӀыжми гупсэхуу Хъырзэдж Джатэгъэжьыр яхэплъащ, ауэ игу ирихьын яхилъэгъуакъым. ЩӀалитӀым къагъэзэжщ, пщэдджыжьышхэ зэдащӀри, хьэщӀэр щышэсыжым, зэрыхабзэти, бысымри дэшэсащ и ныбжьэгъур къуажэщӀым икӀыжыху дэкӀуэтэну.
ШууитӀыр къуажэ уэрамым къыдыхьауэ къыщрикӀуэм, Гуащэмахуэ псы къихьу къэкӀуэжу зэӀущӀащ. Гуащэмахуэ шухэм я гъуэгур зэпимыупщӀын щхьэкӀэ къэувыӀэри, мащӀэу и бгъур яхуигъэзауэ шууитӀыр блигъэкӀащ. - Уа, си ныбжьэгъу, нышэдибэ дызыхэплъа хъыджэбзхэм яхэтакъым мы хъыджэбз дахэр? – жиӀащ хьэщӀэм. - Яхэтащ, си ныбжьэгъу, ауэ уэ гу лъыптагъэнкъым ахъумэ! – жиӀащ бысымым. - АтӀэ, сэ абы фӀэкӀа нэгъуэщӀ къэсшэну сыхуейкъым, дыгъэгъази сегъэпсалъэ а хъыджэбзым, – жиӀащ. Бысымми, къысхуэгъэгъу, ар сэ си къэшэнщ жиӀакъым. - НакӀуэ, къыбдэкӀуэну щытмэ, сэ зэран сыхъункъым, – жиӀэри, Гуащэмахуэ я унэ зэрыдыхьэжу шууитӀыр кӀэлъыдыхьащ. Хъырцыжьым игугъащ «сэ къэсшэну сыщепсэлъакӀэ, ар си ныбжьэгъум дэкӀуэнкъым» жыхуиӀэу. Гуащэмахуэ хьэщӀэщым ираджэри хьэщӀэм Гуащэмахуэм гу зэрыхуищӀар жыриӀащ. Иджыри къэс Хъырцыжьым ишэну жиӀэу къепсалъэу щытауэ, иджы хьэщӀэр зэрыриутӀыпщар Гуащэмахуэми гузэрыдзэ щыхъуащ. Хъырзэджри Хъырцыжь зыпылъым нэхърэ зыкӀи мынэхъ Ӏейуэ щӀалэ дэгъуэт. «Уэ укъысхуэмеижу, хьэщӀэм сыщыхуэпшиякӀэ» жиӀэщ игукӀи, «хъунщ сыарэзыщ, къэгъакӀуэ лъыхъухэр, хабзэкӀэ сыбдэкӀуэнщ!» – жиӀэри, хьэщӀэщым къыщӀэкӀыжащ.
ШууитӀыр шэсыжри дэкӀыжащ. ХьэщӀэр зэрыригъэжьэжу къигъэзэжри, Хъырцыжьым Гуащэмахуэ ирихьэжьащ. Ар Хъырзэджым щызэхихым ерыщ зэхуекӀуэри, зыр зэрыбэлэрыгъыу адрейр теуэрэ къытрихыу, мыдрейр зэрыбэлэрыгъыу адрейр теуэрэ къытрихыу, мыдрейр зэрыбэлэрыгъыу, адрейр къытеуэрэ трихыжурэ Гуащэмахуэ дахэр ДжатэгъэжьитӀым гъэру кърахьэкӀащ. Апхуэдэу хуэмыфащэу лей къызэрылъысам щхьэкӀэ, уэрэдыр иусащ жаӀэ.
Псыжъ лъэныкъуэ къэӀотэгъуэ
editПсыжъ лъэныкъуэм зэрыжаӀэмкӀэ, Тэрчи, Лабэи, Псыжьи – а псыхъуищым я зэхуакум Гуащэмахуэ нэхъ дахэ бзылъхугъэ дэсакъым. Гуащэмахуэ и уэрэдыр къызэрежьэрэ зэман куэд дэкӀауэ, ХьэтӀохъущокъуэм мурад ищӀащ, абы и уэрэдыр пцӀырэ пэжрэ зэхигъэкӀыну. И уэркъхэм ящыщ Къэрабэ и къуэм ипщэ ирилъхьэри иутӀыпщащ: - Мы Гуащэмахуэр дунейм тетмэ къэгъуэти, мы уэрэдыр пцӀырэ пэжрэ къысхуэщӀэ! – жиӀэри. Къэрабэ и къуэм къикӀухьурэ Гуащэмахуэ жьы хъуауэ къигъуэтри и пщэ къралъхьа Ӏуэхур щыжриӀэм, Гуащэмахуэм мыр къыжриӀащ: – Пэжщ, уэрэдыр зыусари сэращ. Уэрэдым хэт псалъэхэри пэжщ. Япэ сезыхьэжьа Джатэгъэжьым мы Ӏэлъыныр къысхуигъанэри езыр Истамбыл икӀыжауэ щытащ. Мыдрейуэ сыкъытезыхыжауэ щытам срищхьэгъусэу дыпсэуурэ, абы сыкъызэрытрихыжам щхьэкӀэ, ар япэрейм и ныбжьэгъухэм яукӀащ. Сэри зыми сахудэмыкӀуэу сыщысу, япэ сезыхьэжьауэ щытар Истамбыл къикӀыжри, къыслъыхъуэурэ сыкъигъуэтри, сишэжри лӀэжыху дызэдэпсэуащ, – къыжриӀащ Къэрабэ и къуэм, – жаӀэ шэрджэсхэм.
Уэрэдыр
editЛӀым я леймрэ рэуиуа, а-а, шым я леймрэ
Айра, сынырахьэжьэри, рэуэ ией,
Уой, сы-Гуащэмахуэт, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфӀэркъэ, сыгуащэ хужьт, атӀэ!
Сыгуащэти, рэуиуа, а-а, сы-Гуащэмахуэт
Айрэ, сыгуащэ хужьти, рэуэ ией,
Уой, сырамыхьэхыурэ, уэр, сэрмахуэ
Уойрэщ, жыфӀэркъэ, сыгъэрт, атӀэ!
Сырымэурэ, рэуиуа, а-а, си зэпэщӀыӀури
Айра, мы жэщ мазэхэми, рэуэ ией,
Уой, зэрогъэлъэлъри, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфӀэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!
Си нэпситӀыр, рэуиуа, а-а, къысфӀелъэлъэхыурэ,
Айра, си адэм и унэми, рэуэ ией,
Уой, сыдумыхащэрэт, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфӀэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!
Къуажэ-къуажэурэ, рэуиуа, а-а, сызыдэпхьэмэ,
Айра, «КӀахэ хьэщӀэщ» жаӀэри, рэуэ ией,
Уой, си напэ хужьри, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфӀэркъэ, къысхуагъэуцӀыплъ, атӀэ!
Алътесымрэ, рэуиуа, а-а, чэсеймрэ
Айра, мы бжьыхьэ жэпыми, рэуэ ией
Уой, къызогъэгъэфри, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфӀэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!
Анидолэурэ, рэуиуа, а-а, си фэ плъыжь вакъэри,
Айра, жэщырыкӀуэными, рэуэ ией,
Уой, къысхуегъэуфӀыцӀри, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфӀэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!
Къутыным хуэдэурэ, рэуиуа а-а, си бгъафэ хужьмэ,
Айра, ДжатэгъэжьитӀри, рэуэ ией,
Уой, щызэблызохъури, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфӀэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!
Щолэхъужьурэ, рэуиуа, а-а, шы гъуабжэ кӀэщӀри,
Айра, зэдэдишэнтти, рэуиуа ией,
Уой, бланафэ шэтырри, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, Ахъмэт и жьэгъум къыщысхуоухуэри!