Зыв зимыӀэм витӀ иӀэт жи

УЛЪЭЩ УЛЪЭЩ

edit

Зыв зимыӀэм витӀ иӀэт жи.
ВитӀыр кърихуэкӀ кърихуэкӀыурэ, «баргъ» жери мылым техуащ жи.
- Уэ мыл, улъэщ-улъэщ?
- Сылъэщмэ дыгъэм си гъэтӀкӀурэт!?
- Уэ дыгъэ, улъэщ-улъэщ?
- Сы лъэщмэ пшэм сыщӀилъафэрэт!?
- Уэ пшэ, улъэщ-улъэщ?
- сылъэщмэ уэшх къысфӀэшхрэт!?
- Уэ уэшх, улъэщ-улъэш?
- Сылъэщмэ удзхэр къысфӀэкӀрэт!?
- Уэ удз, улъэщ-улъэщ!?
- Сылъэщмэ жэмхэм сашхынт!?
- Уэ жэм, улъэщ-улъэщ?
- Сы лъэщмэ нэуэжьым сишынт!?
- Уэ нэуэжь, улъэщ-улъэщ?
- Сы лъэщмэ шатащхьэр джэдуужьым сфӀытрифтэрэ!?
- Уэ джэду, улъэщ-улъэщ?
- Ахьыйми, сылъэщ - жиӀащ джэдуужьым - Унэгъуиблым я шатэкӀадиблым сыхошхыхьри, махуэ псом унэгуащэм и щхьэнтэм сыхоцыфэри сыхэсщ.