ИНЭ МЫКЪУЭ

ИНЭ МЫКЪУЭ

ДЫГЪУЖЬЫЖЬЫМРЭ ХЬЫДЖЭБЗ ЦӀЫКӀУМРЭ
ХьэцӀыкӀу Хьэсэн
Къуажэ гуэрым КӀунэкӀэ еджэу зы хъыджэбз цӀыкӀу дэст. Абы и адэшхуэм пищӀ щымыӀэу фӀыуэ илъагъут. Дадэ сымаджэу хэлъти пыжь мэрэзей хэдзауэ шей тӀэкӀу сефэнт жиӀэу КӀунэ зэхихащ. Ар щызэхихым и адэшхуэм хуищӀа чы матэ гъэщӀэрэщ...Ӏар къищтэри, хъыджэбз цӀыкӀур мэзым пыжьыхьэ кӀуащ. Мэзыр къуажэм пэжыжэтэкъым.
Мэз гъунэр екӀуэкӀыу пыжьей чыцэшхуэт.Пыжьри хъуауэ и фӀыгъуэ дыддэт, хуабжьуи бэгъуат. КӀунэ и чы матэ цӀыкӀум из ищӀауэ къыщежьэж дыддэм мэзым къыщӀэкӀри зы дыгъужьыжь, и нитӀыр плъыжь хъужауэ къыбгъэдыхьащ.
-- Усшхынкъэ иджы, хъыджэбзфжь цӀыкӀу, сыт си мэзым укъыщӀэкӀуар? жиӀащ дыгъужьыжьым.
АрщхьэкӀэ КӀунэ шынэу щӀэпхъуэжакъым икӀи гъакъым. Абы хуэм дыддэу дыгъужьыжьым жыриӀащ.
-- Уей дыгъужьыжь сыпшхынкӀэ амал закъуэ имыӀэ. Си дадэ сымаджэу хэлъщи пыжь мэрэзей хэдзауэ шей езымгъафэу хъунукъым.
-- Сыт мыбы пыжьти дадэти жыхуиӀэр? Сэ сыдыгъужьщ, сыдыгъужьыжьщ. Къэгубжьащ щхъуэжьыр.
-- Солъагъу узэры дыгъужьыжьри, ауэ сыпщышынэкъым. Уэ сэ ф1ыуэ узолъагъу, фӀыуи узоцӀыху. Си дадэ къалэм къысхуриха Анэдэлъхубзэм сытым хуэдэу уи сурэт дахэ куэд ит уигугъэ! Уэ сытым хуэдэу дахэу уит а си тхылъым, мыпхуэдэу у бацэжб щхьэкӀэ.
Хъыджэбз цӀыкӀум жиӀахэм дыгъужьыжьыр гумащӀэ къищӀащ.
-- Си сурэт уиӀэуи? хуабжьу игъэщӀэгъуащ щхъуэжьым.
-- Си куэдыжьщ.
-- ГъэщӀэгъуэнщ. Псоми жаӀэ сэ сышынагъуэрэ сыӀейжьу... Псори къысщошынэ!
-- Хьэуэ, хьэуэ дыгъужьыжь ахэр уифӀэщ умыщӀ. Уэ пхуэдэу дахэ мы мэзым зы хьэкӀэкхъуакӀэй щӀэскъым.
Дыгъужьыжьым и нэпсым къызэпижыхьащ. Ар щилъагъум КӀунэ цӀыкӀу мажьэ плъыжь къырихри абы иц бацэу зэхэзэрхьар дахэу хуижьащ.
-- Тобэ тобэ! Хэт и гугъэнт сэ мыпхуэдэу цӀыхум фӀыуэ сыкъалъагъуу. КъыщӀож дыгъужьыжьым и нэпсыр.
-- Тобэ.
-- Укъалъагъу къудей, уэ ухэмыту зы таурыхъ жытӀэкъым.
ТолъэщӀыхь КӀунэ.
-- Хэтщ жыпӀа сымаджэр, дахэ цӀыкӀу? ЩӀоупщӀэ гумащӀэ дыддэ хъуа щхъуэжьыр.
-- Си дадэ... Пыжь мэрэзей хэдзауэ шей игу къихьащ...
-- Хъунщ нтӀэ, кӀуэж! КӀуэжи уи дадэ мэрэзей хуэщӀ -- жи дыгъужьыжьым. Мэрэзей хэдзауэ шей егъафэ. Ар амал имыӀэу хуэщхьэпэнущ.
-- Упсэу дыгъужьыжь. Сэ уэри пыжь мэрэзей къыпхуэсхьынщ, жиӀэри КӀунэ цӀыкӀу гуфӀэу къежьэжащ