Къаз джэдыкӀэ пшхын, си тӀасэ
«Къаз джэдыкӀэ пшхын, си тӀасэ?..»
Фызыжь цӀык1ум иӀэ и къуэ закъуэр сымаджэ хъуащ.
Къулейсызхэти, иригъэшхын щимыгъуэтым, гузавэурэ къеупщӀащ:
- Къаз джэдыкӀэ пшхын, си тӀасэ? – жиӀэри.
- Сшхынт.
- Азалыхь, сиӀэу щытамэ, уэзгъэшхынтэм!