Шэджэрокъуэ

* * *


Шэджэрокъуэти Шэджэрокъуэтхъуэт
лоутхъуэжь гущэ, уэй маржэ, лъэгуажьэфӀыцӀэт

Фоч фӀыцӀэжьыри къантэлоут
зи лоужь гущэр, уэй маржэ, мэзкӀапэрыплъэт

Зи гъусэбэмэ пэмыплъэжар
ВытхьэкӀумэ икъуэт, уэй маржэ, Къэниболэт

Чэрнэморэу мы ди щхъуэжь къомыр
зимыуасэкӀэрэ, уэй маржэ, здыдогъэкӀуэдыр

ЩӀэдгъэкӀуэдыри диадэкъуэшти
ВытхьэкӀумэ икъуэт, уэй маржэ, Къэниболэт

Дэ Лабэжьымэ дыщыдэсам
матушкӀэжь гущэхэр, уэй маржэ, ди саугъэтти

Мы Алмыжьымэ щидгъэзэкӀыжым
къэзакъ сотнэ гущэр уэй маржэ зытыдогъакӀуэр

Дэ пхъэрышхуэри къыщыткӀэлъыкӀуэм
жыр мащтэ гущэм, уей маржэ, зыхузогъадэ

Сэ схуэмыдэурэ зэзмыпэсам
синэщӀыбагъкӀэрэтӀэ, уэй маржэ, зыкъысщегъэпщкӀур

Сэ схуэмыдэурэ зэзмыпэсам
мы си пащхьэм гущэм, уэй маржэ, зыкъыщегъалӀэ

Дарийуэрэ си джэнхъурейр
шырыкъу лъапэкӀэрэ, уэй маржэ, схузэхачатхъэ

Сэ уэркъ щауэхэм захуэскдэтхъэнут
мы си пащхьэ гущэм, уэй маржэ, измыгъуэтэж жи